Перейти к содержимому

Текст песни Сонэ Абдулчэрим — Шагъди и уэрэд

Исполнитель: Сонэ Абдулчэрим Обновлено:

Си шы къарапц1эу
Пц1ащхъуэу щ1элъэтым
Ди губгъуэ куэщ1ыр
Уи зэ ичыгъуэщ.
Уэ уи лъэ макъыу
Тхыдэм къыщыджэр
Л1ыгъэ макъамэр
И джэрпэджэжкъэ!
Ей Адыгэш къабзэу
Сэ, си шагъдий,
Шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий!

Л1ыхъур уэрыншэм
1эщэншэ къабзэт,
Уи бзэм щыгъуазэм
Урибгъэ дамэт.
Лъэпкъым и гуауэр
Уэ дэпIыгъакъэ,
Лъэпкъым и гуапэм
Уэ ухэтакъэ.
Шыгъажэ хъуамэ,
Щытхъур къыбохьыр –
Щ1ыхьыр уохъумэ
Шагъдий лъэрыхьым.
Адыгэш къабзэу
Ей, си шагъдий,
Шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий!

Си шы къарапц1эу
Пц1ащхъуэу щ1элъэтым
Ди губгъуэ куэц1ыр
Уи зэ ичыгъуэщ.
Уэ уи лъэ макъыу
Тхыдэм къыщыджэр
Уо ри ра
Л1ыгъэ макъамэр и джэрпэджэжкъэ

Ей Адыгэш къабзэу
Сэ, си шагъдий,
Шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий!

Л1ыхъур уэрыншэм
1эщэншэ къабзэт,
Уи бзэм щыгъуазэм
Урибгъэ дамэт.
Лъэпкъым и гуауэр
Уэ дэпыгъакъэ,
Уо ри ра
Лъэпкъым и гуапэм
Уэ ухэтакъэ.

Ей Адыгэш къабзэу
Сэ, си шагъдий,
Шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий! (3 раза)

Си шы къарапц1эу
Пц1ащхъуэу щ1элъэтым
Ди губгъуэ куэц1ыр
Уи зэ ичыгъуэщ.

Шыгъажэ хъуамэ,
Зы къыщ1эмыхьэ
Уо ри р-а
Шагъдий лъэрыхьым.
Щ1ыхьыр уохъумэ

Ей адыгэш къабзэу
Ей, си шагъдий,
Шыщхьэмыгъазэу
Зынэукъуэдий!

Текст добавил: Андрей Курышев

Похожие песни