Перейти к содержимому

Текст песни Нэхущ Чэрим — Уэрэ сэрэ

Исполнитель: Нэхущ Чэрим Обновлено:

Мы уэрэдыр хэкIуэтауэ пхуэзусами
Мы си щхьэцым уэс мыткIужыр къытесами
Сэ къысфIощIыр уэрэ сэрэ япэу нобэ дызэхуэзэр
Сэ къысфIощIыр уэрэ сэрэ япэу нобэ дызэхуэзэр

ГъащIэ гъуэгур къыдтехьэлъэу къыздэткIуами
Гугъуехь псоми дызэгъусэу дытекIуами
Сэ къысфIощIыр уэрэ сэрэ гъуэгум нобэ дыздытехьэр
Сэ къысфIощIыр уэрэ сэрэ гъуэгум нобэ дыздытехьэр

ТХым дыдэкIу къехыжыпIэм дыкъэсами
Пщэдей махуэр гум зэхищIэу къеIусами
Сэ къысфIощIыр уэрэ сэрэ гъуэгуанашхуэ къытпэщылъу
Сэ къысфIощIыр уэрэ сэрэ гъуэгуанашхуэ къытпэщылъу


Текст добавил: Андрей Курышев

Другие песни исполнителя Нэхущ Чэрим

Все песни Нэхущ Чэрим →