Текст песни Магамет Дзыбов — Дыгъэри къохьажь
Ди куэбжэпэм гъатхэ дыгъэу укъыблокl,
Нэ дахитlым сыщlплъэну схулъэмыкl.
Сыигу укъэкlмэ, сыкъыумыщlэу сытоуж,
Дыгъэ-мазэу сэ си нэгум ущlэмыкl.
Дыгъэри къуохьэж, мазэри йохьэж.
Уэрщ сидахэ, уэрщ си дахэ — си гум уимыкlыж.
Дыгъэри къуохьэж, мазэри йохьэж.
Уэрщ сидахэ, уэрщ си дахэ — си гум уимыкlыж.
Укъызэплъри си гур вагъуэу къэлыдащ,
Укъызэплъри си гур гъатхэу къэтlэпlащ,
Псалъэ жыпlэм, сэ къуршыбгъэу сылъэтэнщ,
Къуршыпс уэру уи насыпыр къэзгъэжэнщ.
Ди куэбжэпэм гъатхэ дыгъэу укъыблокl,
Нэ дахитlым сыщlплъэну схулъэмыкl,
Вагъуэ изхэр дыщэ пыlэу къыпхуэсхьынщ,
Дыгъэ бзийхэр дыгъэм фащу пщыстlэгъэнщ.
Нэ дахитlым сыщlплъэну схулъэмыкl.
Сыигу укъэкlмэ, сыкъыумыщlэу сытоуж,
Дыгъэ-мазэу сэ си нэгум ущlэмыкl.
Дыгъэри къуохьэж, мазэри йохьэж.
Уэрщ сидахэ, уэрщ си дахэ — си гум уимыкlыж.
Дыгъэри къуохьэж, мазэри йохьэж.
Уэрщ сидахэ, уэрщ си дахэ — си гум уимыкlыж.
Укъызэплъри си гур вагъуэу къэлыдащ,
Укъызэплъри си гур гъатхэу къэтlэпlащ,
Псалъэ жыпlэм, сэ къуршыбгъэу сылъэтэнщ,
Къуршыпс уэру уи насыпыр къэзгъэжэнщ.
Ди куэбжэпэм гъатхэ дыгъэу укъыблокl,
Нэ дахитlым сыщlплъэну схулъэмыкl,
Вагъуэ изхэр дыщэ пыlэу къыпхуэсхьынщ,
Дыгъэ бзийхэр дыгъэм фащу пщыстlэгъэнщ.
Текст добавил: Андрей Курышев



