Перейти к содержимому

Текст песни Хэлэна Хэхэс Пщащэ — 1уащхьэмахуэ

Исполнитель: Хэлэна Хэхэс Пщащэ Обновлено:

lуащхьэмахуэ уэсу телъым
Жэщи махуи нэпсхэр щlож,
Щlым и бынхэр къикъухьащи
Магъыр ар имыщlэу еш.

Ежьу:
Сыт ди лажьэ, ди хэкужьыр
Дымылъагъуурэ долlэж,
Дынэшэж уи деж нэхъ псынщlэу
Адэжь лъахэу Кэбэрдей.

lуащхьэмахуэ дымылъагъуми
Я нэхъ дахэу ди нэгу щlэтщ,
Щlыпlэ жыжьэм дыщыпсэуми
Дырогушхуэ ― ар ди хэкущ.

Ежьу

Диянэ-диядэу ди хэкужьыр,
Ди нэхъыжьхэр димыlэж.
Щlыпlэ жыжьэм дыкъэмынэу
Дурибынкъэ ― дынэшэж.


Текст добавил: Андрей Курышев